Библием зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр халъхьауэ пІэрэ?
Хьэуэ, халъхьакъым. Пасэрей Іэрытххэр зытратхэр псынщІэу исраф зэрыхъум къыхэкІкІэ куэдрэ къратхыкІыжын хуей хъуами, ахэр зэрызэрагъэпщам къигъэлъэгъуащ Библием зэхъуэкІыныгъэ гуэр зыми зэрыхимылъхьар.
Абы къикІыу пІэрэ Библиер къизытхыкІыжахэм щыуагъэ лъэпкъ ямыщІауэ?
Библием хыхьа тхылъхэм щыщ Іыхьэ куэд Іэрытхыу ди зэманым къагъуэтыжащ. Ахэр псори мащІэу зэрызэщхьэщыкІым къегъэлъагъуэ къыщратхыкІыжым щыуагъэ гуэрхэри зэрыхэхуар. Апхуэдэ зэтемыхуэхэм мыхьэнэшхуэ яІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ текстым къикІыр абыхэм яхъуэжакъым. Ауэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зэтемыхуэхэри къагъуэтащ. Библием къикІыр ихъуэжыну хуейуэ а зэхъуэкІыныгъэхэр пасэ зэманым зыгуэрым хилъхьауэ къыщІэкІынущ. ЩапхъитІ зэпкърытхынщ:
Языныкъуэ Библиехэм, 1 Иуан 5:7 мыпхуэдэу итщ: «Уафэм щыхьэт щыхъухэр щы мэхъу: Адэ лъапІэр, Тхьэм и псалъэр, Тхьэм и Псэ ЛъапІэр. А щыри зыщ». Ауэ дзыхь зыхуэпщІ хъуну Іэрытххэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, ипэ дыдэм Библиер щатхым апхуэдэ псалъэхэр абы итакъым, ахэр иужькІэ зыгуэрым хигъэувауэ аращ a. Аращ нобэ дзыхь зыхуэпщІ хъуну Библиехэм апхуэдэ псалъэхэр щІимытыр.
Пасэрей Іэрытххэм Алыхьым и цІэм мин бжыгъэкІэ ущрохьэлІэ. Ауэ куэдым а цІэр титулхэмкІэ зэрахъуэкІащ, псалъэм папщІэ, «Зиусхьэн», «Алыхь» жыхуиІэхэмкІэ.
Дэнэ дэ щытщІэр зэкІэ къамыгъуэта щыуагъэ гуэрхэр Библием зэрыхэмытыр?
АпхуэдизкІэ Іэрытх куэд ди зэманым ирихьэлІэу къагъуэтащи, щыуагъэхэр къэбгъуэтыну нэхъ тынш хъуащ b. А Іэрытххэр зэдгъапщэмэ, Библием теухуауэ сыт хуэдэ гупсысэхэм дыкъыхуэкІуэрэ?
ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм теухуауэ щІэныгъэлІ Уильям Грин мы псалъэхэр жиІауэ щытащ: «Пасэрей зэманым ятхахэм щыщу Библием хуэдэу зэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу ди зэманым къэса зыри щыІэкъым».
АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм теухуауэ Библиер куууэ зыдж Фридерик Брюс жиІат: «ТхакІуэ цІэрыІуэхэм ятха тхылъхэм зыми шэч къытрихьэкъым, ауэ АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэу щыІэр куэдкІэ нэхъыбэжщ».
Сэр Фредерик Кеньон Библием и Іэрытххэр едж, икІи ар щІыхь зиІэ щІэныгъэлІщ. Абы жиІауэ щытащ: «Библиер зыІыгъ Алыхьым и лэжьакІуэм шэч къытримыхьэми хъунущ и ІэмыщІэм Алыхьым и Псалъэ пэжыр зэрилъыр икІи абы зэхъуэкІыныгъэшхуэ хэмыхьэу ди зэманым къызэрысар»
Библием итым зэхъуэкІыныгъэ зэрыхэмыхьам сыт иджыри щыхьэт техъуэр?
Библием итщ Алыхьым и лъэпкъым гуэныхь хьэлъэ ищІахэм теухуауэ. Библиер къизытхыкІыжахэм псоми а гуэныхьхэр щІамыхъумэу ятхыжащ c (Числа 20:12; 2 Самуила 11:2—4; Галатие 2:11—14). Журтхэм я жыІэмыдаІуэныгъэм щхьэкІэ къатехуа тезырымрэ цІыхухэм къагупсысыжа пцІыр къыщІэзыгъэщымрэ теухуауэ Тхыгъэм итыр абыхэм яхъуэжакъым (Осия 4:2; Малахия 2:8, 9; Маттэ 23:8, 9; 1 Иуан 5:21). Библиер къизытхыкІыжахэм дзыхь яхуэпщІ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ гупсысэхэр зэрыщІамыхъумамкІэ абыхэм къагъэлъэгъуащ Алыхьым и Псалъэм пщІэ зэрыхуащІыр
Библиер Алыхьым езым и къару лъапІэмкІэ щригъэтхакІэ, абы лъэкІыныгъэ иІэщ а тхылъым зэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу ихъумэну, пэжкъэ? d (Исаия 40:8; 1 Петр 1:24, 25) Библием ит чэнджэщхэр пасэм псэуахэм сэбэп зэрахухъуу щытам нэмыщІ, нобэ псэухэми ахэр сэбэп яхуохъу. Арат Алыхьым и мурадыр (1 Коринф 10:11). Библием итщ: «Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт псори щІатхар щыпкъагъэр дагъэщІэн щхьэкІэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыІэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диІэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ІыхьэфІыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ» (Рим 15:4).
Хьиси абы и гъэсэнхэми ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм я Іэрытххэр къагъэсэбэпт икІи зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэмыхьауэ пІэрэ жаІэу шэч къытрахьэтэкъым (Лука 4:16—21; Апостолхэм 17:1—3).
a Мы псалъэхэм ущрихьэлІэкъым Синайский кодекс, Александрийский кодекс, Ватиканская рукопись 1209, латинская Вульгата, Филоксеновский сирийский перевод, Гераклийский сирийский перевод, сирийская Пешитта жыхуаІэхэм.
b АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр Іэрытхыу минитху хуэдиз къагъуэтащ.
c Библием жиІэкъым Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэи гуэныхь ямыщІауэ. Абы щыжыІащ: «Гуэныхь къэзымыхь зы цІыху щыІэкъым» (1 Царей 8:46).
d Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым а тхылъыр зытхахэм ятхын хуейр псалъэ зырызу яжриІакъым, атІэ абыхэм я гупсысэхэр иунэтІауэ аращ (2 Тимофей 3:16, 17; 2 Петр 1:21).