Ди тхыгъэхэм еджэхэм хуэгъэза
Ди ныбжьэгъу лъапІэ!
Мы «ХъумакІуэ чэщанэм» зы темэкІэ зэпхауэ статьяитху итщ.
Япэ статьям дэ щызэпкърытхынущ сыт Иеговэ ищІами щІылъэм щыІэ и къуэхэмрэ ипхъухэмрэ гуэныхьым ебэныну дэІэпыкъун щхьэкІэ.
ЕтІуанэ статьям дэ къыщытщІэнущ гуэныхьым хущІегъуэжыныр зищІысыр сытми икІи дапхуэдэу Иеговэ цІыхухэм ядэІэпыкъуми, ахэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжын щхьэкІэ.
Ещанэ статьям къыдгурегъаІуэ Коринф къалэм щыІа зэхуэсым сыт хуэдэ унафэ къыІэрыхьами, гуэныхь хьэлъэ зыщІа икІи абы хущІемыгъуэжа цІыхухъум теухуауэ.
ЕплІанэ статьям дэ къыщытщІэнущ зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь хьэлъэ зыщІам дапхуэдэу дэІэпыкъуми.
Етхуанэ статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ зэхуэсым и нэхъыжьхэми адрей къуэш, шыпхъухэми гущІэгъурэ лъагъуныгъэрэ яхэлъу зэхуэсым хагъэкІам зэрыхущытыфынум.