Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Марсело, Йомарэ, Ивер сымэ (сэмэгурабгъумкІэ щыщІэдзауэ ижьырабгъумкІэ). ДунеищІэкІэ еджэу испаныбзэкІэ зэрадзэкІа Библиер Брайль и шрифтымкІэ тхауэ абыхэм яІыгъщ

Зэхуэсым и лъагъуныгъэр абыхэм зыхащІащ

Зэхуэсым и лъагъуныгъэр абыхэм зыхащІащ

ЙОМА́РЭ, Марсе́ло, Иве́р сымэ Гватема́ла щыІэ къуажэ цІыкІум щопсэу. Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджыну Йомарэ япэу щІидзащ. Зэман дэкІри, абы и дэлъхуитІми Библиер яджу щІадзащ. Ауэ зы гугъуехь щыІэт: ахэр щыри нэфт икІи Брайль и шрифтымкІэ еджэфтэкъым. Абы къыхэкІкІэ ахэр езыгъаджэ къуэшыр зэрыригъаджэ тхылъымрэ Библием ит едзыгъуэхэмрэ абыхэм къахуеджэт.

ЗэІущІэхэм кІуэнри абыхэм я дежкІэ гугъуехьу щытт. Абыхэм я нэхъ пэгъунэгъуу щыт Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм кІуэн щхьэкІэ, ахэр дакъикъэ 40-кІэ гъуэгу тетын хуейт. Ауэ Йомарэрэ и дэлъхухэмрэ зэІущІэхэм кІуэну зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр ядэІэпыкъуащ. Абы нэмыщІ, заданиехэр кърату щыщІадзам щыгъуэ, ахэр гукІэ зрагъэщІэну къуэш, шыпхъухэр абыхэм дэІэпыкъуу щытащ.

2019-нэ гъэм, накъыгъэм ахэр щыпсэу къуажэм зэІущІэхэр щрагъэкІуэкІыу щІадзащ. А зэманым пионеру лажьэ зэщхьэгъусэхэр а щІыпІэм Іэпхъуащ. Абыхэм мурад зыхуагъэувыжащ Йомарэ, Марсело, Ивер сымэ Брайль и шрифтым хурагъэсэну. ГъэщІэгъуэныращи, а пионерхэм а шрифтымкІэ тхэфтэкъым икІи еджэфтэкъым. Абы щхьэкІэ ахэр библиотекэм кІуэри, Брайль и шрифтымрэ абы цІыхухэр зэрыхуебгъаджэ хъуну щІыкІэхэмрэ теухуауэ зрагъэщІэн щІадзащ.

Марсело зэІущІэм жэуап щет

Мазэ зыбжанэ дэкІа иужь, абыхэм щыми Брайль и шрифтымкІэ еджэу зрагъэсащ. Абы и фІыгъэкІэ ахэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуащ a. Иджыпсту Йомарэ, Марсело, Ивер сымэ общэ пионеру мэлажьэ, абы нэмыщІ Марсело зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум и къалэнхэр егъэзащІэ. Ахэр Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру хэтщ икІи я фІэщхъуныгъэмкІэ нэгъуэщІхэр ягъэгушхуэ.

Йомарэ, Марсело, Ивер сымэ, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я дэІэпыкъуэгъум щхьэкІэ, я гум фІыщІэшхуэ илъщ. Йомарэ мыпхуэдэу жеІэ: «Иеговэ и Щыхьэтхэр къызэрытцІыху лъандэрэ лъагъуныгъэ пэжыр зищІысыр зыхыдощІэ». Марсело пещэ: «Дэ зэхуэсым ныбжьэгъуфІхэр дыщиІэщ икІи лъагъуныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ здэщыІэ унагъуэшхуэм дыщыщщ». Иеговэ дунейр жэнэт зэрищІыжыр я нэкІэ щалъэгъуну зэманым Йомарэрэ и дэлъхухэмрэ къахуэмыгъэсу поплъэ (Пс. 37:10, 11; Ис. 35:5).

a ЦІыху нэфхэм икІи тэмэму зымылъагъухэм щхьэкІэ, «Учимся читать по Брайлю» жыхуаІэ брошюрэр къыдагъэкІащ. Абы и фІыгъэкІэ апхуэдэ цІыхухэм Брайль и шрифтымкІэ еджэу икІи тхэуэ зрагъасэ.