Материал нэхъыщхьэм ихьэн

БИБЛИЕМ ГЪАЩІЭР ЕХЪУЭЖ

«Мы дунейр схъуэжын хуейуэ иджыпсту сегупсысыжкъым»

«Мы дунейр схъуэжын хуейуэ иджыпсту сегупсысыжкъым»
  • КЪЫЩАЛЪХУА ГЪЭР: 1966

  • КЪЭРАЛЫР: ФИНЛЯНДИЕ

  • ЯПЭМ: ГРАЖДАНСКЭ АКТИВИСТ

И ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖЕІЭЖ.

СызэрыцІыкІурэ природэр фІыуэ солъагъу. Ди унагъуэр дызэгъусэу щІэх-щІэхыурэ дыкІуэт ди къалэ Ювяскюля пэмыжыжьэу щыІэ мэзымрэ гуэлымрэ деплъыну. Абыхэм я дахагъэм дэ дыдихьэхт. Абы нэмыщІ сэ псэущхьэхэр хуабжьу фІыуэ солъагъу. СыщыцІыкІум дэтхэнэ зы хьэми, дэтхэнэ зы джэдуми ІэплІэ хуэсщІыну сыхуейт! СыкъыщыдэкІуэтеям икъукІэ си жагъуэ хъут цІыхухэм псэущхьэхэм лей зэрырахыр. Зэман дэкІри, псэущхьэхэр къэзыхъумэ обществэм сыхыхьащ. Абы хэт цІыхухэмрэ сэрэ ди еплъыкІэхэр зэтехуэт.

Дэ псэущхьэхэм жыджэру дакъыщхьэщыжт: абыхэм теухуа информациер дгъэбагъуэт, псэущхьэхэм я фэм хьэпшып гуэрхэр къызэрыхащІыкІыр икІи псэущхьэхэр лабораториехэм къызэрыщагъэсэбэпыр зэрыдмыдэр къэдгъэлъэгъуэну дыхуейуэ зыкъэтІэтт. Дэ къызэІутхащ псэущхьэхэр къэзыхъумэ организацэ. Дэ къэдгъэсэбэп Іэмалхэр къэралым и унафэхэм ебакъуэт, икІи абы къыхэкІкІэ сэ зыбжанэрэ сыкъаубыдурэ судым сратащ.

Сэ сыщІэгузавэр псэущхьэхэм я закъуэтэкъым, атІэ дунейм къыщекІуэкІ гугъуехьышхуэ куэдми сэ сагъэпІейтейт. ИужькІэ сэ организацэ зыбжанэм сыхыхьащ, «Международная амнистия», «Гринпис» жыхуаІэхэри абыхэм яхэту. Абыхэм ирахьэкІ лэжьыгъэм къарууэ сиІэр естт. ТхьэмыщкІэхэм, мэжэщІалІэхэм икІи дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм сакъыщхьэщыжт.

Ауэ кІуэ пэтми нэхъ къызгурыІуэу сыхъуащ сэ мы дунейр зэрысхуэмыхъуэжынур. Ди организацэхэм языныкъуэ гугъуехь цІыкІухэр Іуахыфами, гугъуехьышхуэхэр кІуэ пэтми нэхъ хэтІасэт. Сэ къысщыхъут Іейм дунейр зэщІищтауэ икІи ар зыми къыфІэмыІуэхуу. Абдежым хуабжьу зыхэсщІащ сэ зыри зэрысхузэфІэмыкІыр.

БИБЛИЕМ СИ ГЪАЩІЭР ЗЭРИХЪУЭЖАР.

ДэІэпыкъуэгъу сызэрыхуэныкъуэр къызгурыІуэти, Алыхьымрэ Библиемрэ сегупсысу щІэздзащ. Япэм сэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер сджыуэ щытащ. Ахэр гуапэу къызэрысхущытыр икІи гулъытэ къызэрысхуащІыр сигу ирихьт, ауэ си гъащІэр схъуэжыну абы щыгъуэ сыхьэзыртэкъым. Иджы нэгъуэщІут сэ а Іуэхум сызэреплъыр.

Сэ си Библиер къэзгъуэтыжри, абы седжэу щІэздзащ. УІэгъэ зытелъ си гум и дежкІэ ар хущхъуэгъуэт. Сэ гу лъыстащ Библием дызэрыхуигъэушыр псэущхьэхэм фІыуэ дахущытыну. Псалъэм папщІэ, Притчи 12:10 зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и лэжьакІуэм и псэущхьэр зыхуей хуигъэзэн хуейщ. Абы нэмыщІ сэ къызгурыІуащ цІыхубэм телъ хьэзабымкІэ Алыхьыр зэрымыкъуаншэр. Гугъуехьхэр нэхъ куу щІэхъур цІыхухэм я нэхъыбэр Алыхьым и хабзэхэм йолъэпауэри аращ. Иеговэ хэлъ лъагъуныгъэмрэ шыІэныгъэмрэ си гум лъэІэсащ (Псалом 103:8—14).

А зэманым ирихьэлІэу «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъыр къызэребгъэхь хъуну купон къыспэщІэхуащ. Ар езгъэхьа нэужь, Иеговэ и ЩыхьэтитІ си деж къакІуэри, Библием срагъаджэну Іэмал сызэриІэр къызжаІащ. Сэ абыхэм я гъусэу Библиер сджыуэ икІи зэІущІэхэм сыкІуэу щІэздзащ. Абы и фІыгъэкІэ Библием ит пэжым си гум лъабжьэ быдэ щищІащ.

Си гъащІэр схъуэжыну Библиер къыздэІэпыкъуащ. Сэ тутынымрэ фадэкІэ егъэлеинымрэ хыфІэздзащ, си теплъэм сыкІэлъыплъу щІэздзащ икІи псалъэ фІейхэр къэзгъэнащ. Абы нэмыщІ тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ яхуэсщІу сыхъуащ (Рим 13:1). Япэм си щхьэ къихьэ псори сщІэт, ауэ иджы хабзэншагъэ зыхэлъ Іуэхухэр къэзгъэнащ.

Псом хуэмыдэу къызэгугъуэкІар общественнэ организацэхэм сазэрыхущытыр схъуэжыныращ. Абы куэдрэ селэжьын хуей хъуащ. ЯпэщІыкІэ сэ къысщыхъут ахэр къэзгъанэмэ, абыхэм сепцІыж хуэдэу. Ауэ иужькІэ сэ къызгурыІуащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэмыщІ нэгъуэщІым зыми мамырыгъэрэ гугъэ дахэрэ къызэрыдимытыфынур. Абы щыгъуэ мурад быдэ сщІащ къарууэ сиІэр а Пащтыхьыгъуэмрэ абы теухуа хъыбарыр гъэІунымрэ естыну (Маттэ 6:33).

СИ ГЪАЩІЭР НЭХЪЫФІ ЗЭРЫХЪУАР.

Сыщыактивистым сэ сесат цІыху зэхэгъэж сщІыуэ икІи цІыху Іейуэ къэслъытэхэм сапэщІэту. Ауэ Библием и фІыгъэкІэ цІыхухэр слъагъу мыхъуу щытыжкъым. Абы и пІэкІэ сэ цІыхухэр фІыуэ зэрыслъагъуным иужь ситщ (Маттэ 5:44). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм сазэрыдэгуашэм къыхощ сэ ахэр фІыуэ зэрыслъагъур. Мыхьэнэшхуэ зиІэ а лэжьыгъэм цІыхухэм мамырыгъэ, гуфІэгъуэ икІи гугъэ дахэ зэрыритыр плъэгъуну гуапэщ.

Иеговэ дзыхь хуэсщІу зэрызезгъасэ лъандэрэ си гум гупсэхугъуэ игъуэтыжащ. Сэ быдэу си фІэщ мэхъу дыкъэзыгъэщІа Алыхьым хуит зэримыщІынур цІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ зэпымыууэ лей къытрагъэхьэну икІи ди щІыналъэ дахэр ягъэкІуэдыжыну. Куэд мыщІэу, и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу, Алыхьым щІымрэ цІыхухэмрэ къалъыса зэраныр зэригъэзэхуэжынущ (Исаия 11:1—9). А пэжыр зэрысщІэр икІи абыкІэ адрейхэм садэгуэшэну Іэмал сызэриІэм гуфІэгъуэшхуэ къызет. Мы дунейр схъуэжын хуейуэ иджыпсту сегупсысыжкъым.