ДИ ТХЫГЪЭХЭМ ЕДЖЭХЭМ Я УПЩІЭХЭР
Алыхьыр хэт къэзыгъэщІар?
Уи нэгу къыщІэгъэхьэ адэр илъэсибл хъу и къуэ цІыкІум епсалъэу. Адэм жеІэ: «Илъэс куэдкІэ узэІэбэкІыжмэ Алыхьым къигъэщІащ щІымрэ абы тет псомрэ, абы нэмыщІ дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр». ЩІалэ цІыкІур зы тэлайкІэ мэгупсысэри, и адэм йоупщІ: «Папэ, езы Алыхьыр хэт къэзыгъэщІар?»
«Алыхьыр зыми къигъэщІакъым, ар сыт щыгъуи щыІащ»,— жеІэ адэм. Апхуэдэ жэуапым щІалэ цІыкІур арэзы ещІ. Ауэ ар нэхъ ин хъуа иужь, аргуэру а упщІэм йогупсыс. Абы къыгурыІуэкъым: зыгуэрым щІэдзапІэ имыІэу, ар дауэ? Дунеишхуэ нэгъунэми щІэдзапІэ иІэщ. «Дэнэ-тІэ Алыхьыр къыздикІар?» — егъэщІагъуэ абы.
Библием мы упщІэм сыт хуэдэ жэуап иритыр? Абы теухуауэ Библием итымрэ ди щапхъэм хэт адэм и къуэм жриІэмрэ зэщхьу жыпІэ хъунущ. Мусэ итхащ: «Уэ Иеговэ...Бгыхэр къалъхун ипэ икІи лъхугъэ хьэлъэм ухэтым хуэдэу, щІымрэ дунеймрэ къэбгъэщІын ипэ, зы лъэхъэнэм щыщІэдзауэ адрей лъэхъэнэм нэсыху уэращ Алыхьыр» (Псалом 90:1, 2). Бегъымбар Ешайа макъ хэІэтыкІакІэ жиІат: «Уэ умыщІэу ара? Уэ зэхыумыхауэ ара? ЩІым и гъунэ псор къэзыгъэщІа Иеговэ — игъащІэкІэ щыІэну Алыхьщ»! Иудэ тхылъым зэритымкІэ, Алыхьыр «лъэхъэнэ псоми япэми» щыІащ (Иудэ 25).
Мы едзыгъуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, Алыхьыр — «зэманым и Пащтыхьщ» (1 Тимофей 1:17, ДЩІ). Алыхьыр сыт щыгъуи щыІащ икІи сыт щыгъуи щыІэнущ (Апокалипсис 1:8). Аращи, лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым щІэдзапІэ иІакъым икІи ар щыщымыІэжыну зэман зэи къэхъунукъым.
Мы гупсысэр и кІэм нэс къыдгурыІуэну къыщІыдэгугъуэкІыр сыт? Ди гъащІэр егъэлеяуэ кІэщІу зэрыщытым къыхэкІкІэ, зэманым теухуауэ Алыхьым иІэ еплъыкІэмрэ дэ ди еплъыкІэмрэ хуабжьу зэщхьэщокІ. Алыхьым щІэдзапІи кІэухи иІэкъыми, абы и дежкІэ илъэс миныр зы махуэм хуэдэщ (2 Петр 3:8). Зы щапхъэ къэтхьынщ: махуэ 50 фІэкІа мыпсэу пкІауэм и нэгу къыхущІэгъэхьэну илъэс 70-80 хуэдизкІэ упсэуным къикІыр? ДауикІ, къыхущІэгъэхьэнукъым! Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым елъытауэ дэ пкІауэхэм дыхуэдэщ, ди гупсысэкІэри абы ейм хуабжьу къыкІэроху (Исаия 40:22; 55:8, 9). Абы къыхэкІкІэ, Алыхьым теухуа пэжым щыщу цІыхум зыгуэр къыгурымыІуэнкІэ хъунущ.
Алыхьыр сыт щыгъуи зэрыщыІам шэч хэлъкъым, а гупсысэр къыбгурыІуэну гугъуми. Алыхьыр зыгуэрым къигъэщІауэ щытамэ, ар къэзыгъэщІарат УхуакІуэшхуэу щытынур. Ауэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэщ «псори къэзыгъэщІар» (Апокалипсис 4:11). Абы нэмыщІ дэ дощІэ Дунеишхуэр щыщымыІа зэман зэрыщыІар (ЩІэдзапІэ 1:1, 2). Дэнэ-тІэ ар къыздикІар? Дунеишхуэр зыухуар ар иухуэн ипэ щыІэн хуеящ. И Къуэ закъуэми мелыІычхэми ипэ Алыхьыр щыІэн хуеящ (Иов 38:4, 7; Колоссэ 1:15). Алыхьыр и закъуэ дыдэу щыщыта зэман зэрыщыІар гурыІуэгъуэщ. Алыхьыр зыми къигъэщІакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къэзыгъэщІыфын зыри щыІакъым.
Дэ дызэрыщыІэмрэ кІэи гъуни зимыІэ Дунеишхуэри зэрыщыІэмрэ щыхьэт тохъуэ щІэдзапІи кІэухи зимыІэ Алыхьыр зэрыщыІэм. Дунеишхуэм щІэдзапІэ езыту физическэ законхэр езыгъэжьа Алыхьыр сыт щыгъуи зэрыщыІэн хуеяр наІуэщ. Псэ зыІут псоми а зырат гъащІэ езытыфынур (Иов 33:4).