Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ОБЛОЖКЭМ ТЕТ ТЕМЭР | БИБЛИЕМ ЕДЖЭНЫР ДАУЭ НЭХЪ ГЪЭЩІЭГЪУЭН ЗЭРЫПЩІ ХЪУНУР?

Библием уи гъащІэр дапхуэдэу нэхъыфІ зэрищІыфынур?

Библием уи гъащІэр дапхуэдэу нэхъыфІ зэрищІыфынур?

Библиер адрей тхылъхэм ещхькъым. ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым и чэнджэщхэр абы итщ (2 Тимофей 3:16). Абы уи гъащІэр куэдкІэ нэхъыфІ ищІыфынущ. Библием итщ: «Тхьэм и псалъэхэм гъащІэшхуэмрэ лъэкІыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ» (Еврейхэм 4:12). Абы дэ махуэ къэс сэбэп къытхуэхъуну чэнджэщхэр къыщыдгъуэтыфынущ икІи Алыхьымрэ абы дыкъызэригъэгугъэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къыщытщІэнущ (1 Тимофей 4:8; Екъуб 4:8).

Махуэ къэс сэбэп къытхуэхъуну чэнджэщхэр. Библиер ди гъащІэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэмкІи къыддэІэпыкъуфынущ. Ар сэбэп къыщытхуэхъуну языныкъуэ Іуэхугъуэхэм дыхэплъэнщ.

Азием щыщ зэщхьэгъуситІым я унагъуэр нэхъ быдэ ящІыну Библиер къадэІэпыкъуащ. ЗэрышагъащІэ куэдым хуэдэу, а зэщхьэгъуситІым дежи зэсэну икІи я гурыщІэхэр зыхуаІуэтэну тынштэкъым. Ауэ абыхэм Библием къыщащІэхэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпу щІадзащ. Дапхуэдэу ар абыхэм къазэрыдэІэпыкъуар? Висент жеІэж: «Библием ит чэнджэщхэр къыздэІэпыкъуащ ди зэхуаку къыдыхьэ зэгурымыІуэныгъэхэр лъагъуныгъэрэ зэхэщІыкІрэ схэлъу зэхэзгъэкІыну. А чэнджэщхэм дызэрытетым къыхэкІкІэ дэ ди унагъуэм гуфІэгъуэрэ зэгурыІуэныгъэрэ илъу хъуащ». Абы и щхьэгъусэ Аналу жеІэ: «Дэ егъэлеяуэ къыддэІэпыкъуащ Библиер зытепсэлъыхьыж Алыхь фІэлІыкІ зиІа цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ я щапхъэхэр. Иджы ди унагъуэр нэхъ насыпыфІэ хъуащ икІи зэнэзэпсэу дызэдопсэу».

Алыхьым теухуа щІэныгъэ. Библиер Висент нэгъуэщІ лъэныкъуэкІи къыдэІэпыкъуащ. Абы жеІэ: «Библием сызэреджэр къыздэІэпыкъуащ зэи хуэмыдэу Алыхьым нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну». Висент и псалъэхэм къыбгурегъаІуэ Библиер къызэрыбдэІэпыкъуфынур Алыхь Иеговэ къэпцІыхуну. А тхылъым ит чэнджэщхэр къызыбгъэдэкІыр Алыхьыращ. Абыхэм уи гъащІэр нэхъыфІ зэращІыфынум нэмыщІ езы Алыхьми и ныбжьэгъу ухъуну къыбдэІэпыкъуфынущ. Уэ къэпщІэнущ Алыхьым гугъэ дахэ къызэрыдитыр — гъащІэ мыухыж диІэу дуней дахэм дыщыпсэуну (1 Тимофей 6:19). Апхуэдэ гугъэ дахэ дызэриІэр къозыгъэщІэн нэгъуэщІ тхылъ щыІэкъым!

Библием махуэ къэс уеджэну мурад пщІыуэ, абы утетмэ, гъащІэм сэбэп къыпхуэхъуну чэнджэщхэр къэбгъуэтынущ икІи Алыхьыр къэпцІыхунущ. Ауэ Библием ущеджэкІэ упщІэ куэд уиІэну къыщІэкІынщ. Апхуэдэм деж сыт пщІэ хъунур? Абы теухуауэ илъэс 2 000 хуэдиз ипэ Эфиопие къэралым щыщ лІым щапхъэфІ игъэлъэгъуащ. Ар Алыхьым и Псалъэм щеджэм упщІэ куэд иІэ хъут. «Узэджэр къыбгурыІуэрэ?» жаІэу упщІэ щратам, абы мыпхуэдэ жэуап итащ: «Зыгуэрым зэхызимыгъэщІыкІмэ, дауэ къызэрызгурыІуэнур?» * Тхыгъэ ЛъапІэр фІыуэ зыщІэ Филипп абы зыдигъэІэпыкъуащ (Апостолхэм 8:30, 31, 34). Уэри Библиер нэхъыфІу къэпщІэну ухуеймэ, www.mr1310.com сайтым заявкэ къыщыбгъанэ е мы журналым адрес къыщыхьахэм языхэзым птхы хъунущ. Абы нэмыщІ уи щІыпІэм щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхуэбгъазэ хъунущ е ахэр щызэхуэс Унэм укІуэ хъунущ.

Библием нэгъэсауэ дзыхь хуэпщІ мыхъуну къыпщыхъумэ, «Дэнэ дэ щытщІэр Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр?» жыхуиІэ видеом еплъ. Ар иджыри къыщыбгъуэтыфынущ QR-кодыр отсканировать пщІымэ е jw.org сайтым уихьэмэ. («Къэплъыхъуэр итхэ» жыхуиІэм деж видеороликым и цІэр тхы.)

^ абз. 8 Библиер иджыри къызэрыбдэІэпыкъуну Іэмалхэр къыщыбгъуэтынущ jw.org сайтым. БИБЛИЕМ ЗЫХУРИГЪАДЖЭР > ДИ УПЩІЭХЭМ БИБЛИЕМ ИРИТ ЖЭУАПХЭР вкладкэм еплъ.

^ абз. 11 Абы нэмыщІ мы журналым къыщыхьа «Всего лишь небольшое недопонимание?» жыхуиІэ статьям еплъ.