7 УЭРЭДЫР
Иеговэщ къару къыдэзытыр
-
1. Ди Алыхь щабэ, уэ дэ дыпщогугъ,
Уэ дыбохъумэ, дэ щытхъу къыпхудохь.
Шынэ дымыщІэу пэжагъыр догъэІу,
Хэт къыдодаІуэ, хэт къытщодыхьэшх.
ЕЖЬУ
Иеговэ, зэфІэкІ, къару къыдыбот,
Уи цІэр цІыху псоми дэ яхудохь.
Бий къытпэщІэтым дыщымышынэн,
Уэрщ ди быдапІэр, ди гугъэри уэрщ.
-
2. Уэ уи нэхугъэм гуфІэгъуэ къыдет,
Уи Псалъэ лъапІэм пэжагъ къыщытщІащ.
Хабзэм дедаІуэу, уи макъ зэхыдох,
Уи Пащтыхьыгъуэм ди дзыхь идогъэз.
ЕЖЬУ
Иеговэ, зэфІэкІ, къару къыдыбот,
Уи цІэр цІыху псоми дэ яхудохь.
Бий къытпэщІэтым дыщымышынэн,
Уэрщ ди быдапІэр, ди гугъэри уэрщ.
-
3. Уэ уи унафэм дыгуфІэу дыщІэтщ,
Уи Пащтыхьыгъуэм догъэІу и хъыбар.
Хуейщ дэ ди гъащІэр Иблис тІэщІихын,
Сыт къэмыхъуами Тхьэм дыхуэпэжынщ.
ЕЖЬУ
Иеговэ, зэфІэкІ, къару къыдыбот,
Уи цІэр цІыху псоми дэ яхудохь.
Бий къытпэщІэтым дыщымышынэн,
Уэрщ ди быдапІэр, ди гугъэри уэрщ.
(Абы нэмыщІ феплъ 2 Сам. 22:3; Пс. 18:2; Ис. 43:12.)